- Гукъэк1ыж
Сэ ныщхьэбэ уэ сыпщ1огупсысыр,
Къыск1эрыхъыжьащ зы гукъэк1ыж
Укъалъыхъуэу си нэхэр мэплъызыр,
Гуми 1эпыхуари къещыпыж!
Сэ уи ц1э къудейри къысхуэщ1эжкъым,
Ди зэхуэзи ди зэпсалъи к1эщ1т,
Лъагъуныгъи сщ1ауи сигугъэжкъым,
- 1уащхьэмахуэ
Ипщэк1эрэ соплъэ мыгъуэри Эльбрус солъагъурэ
Ф1ыщэу услъэгъуа мыгъуэти уей Нэкъулэн пф1эсщатэкъэ
Мы1эрысэр мыхъу мыгъуэурэ уей и мэ дахэ мыгъуэр къыпимых
Лъагъуныгъэри гум нэсакъым жып1эу кхъы1э си псэ мыгъуэр сху1уомых
Усымаджэщ жэ1э мыгъуэри сымаджэщым сашэрэ
Сымаджэщымэ сэ сывмышэурэ езыр къафшэ мыгъуи сывгъэлъагъу
Хьэрэкхъуэрэ лъапэ мыгъуэми мывэ сын щыхахырэ
Дунейм ц1ыхуу тет мыгъуэми уей уэ уакъыхэсхатэкъэ
- Адыгея
Хамэ щIыпIэ жыжьэ сыщыIэу
Согупсыс си гъащIэм и пщэдейм,
Сэ мыбы щызиIэ гъащIэр щIыIэщ,
Сызэхэх си хэку, Адыгей!
Сэ мыбы щызиIэ гъащIэр щIыIэщ,
Сызэхэх си хэку, Адыгей!
Припев:
- Адыгэ лlыгъэ'2008
Псалъэ: Нэхущ Ч.
Макъамэ: Лий И.
Зи лъэпкъ пшынэбзэмэ дунейр дихьэхыурэ
И лъапэм тетурэ утыку ихьэфымэ
Къигъафэ пщащэм и пщlэр иlыгъмэ
Щауэр нэмыскlэ гъэнщlащ
- Адыгэ Лъэпкъыр Къофэ
Пшыр зэрызехьэу уэгум ихьамэ,
Дыгъэр къэувыIэу къызыплъэкIамэ,
Къыршхэм оспыIэр зыщхьэрахамэ,
Хырикъимыуэ узиущэхуамэ,
Ежьу :
Къофэ, къофэ, къофэ, Адыгэ Лъэпкъыр !
Къофэ, мэгуфIэнобэ, си Къэбэдейхэр !
Еи си дуней, ои си Къэбэрдей
- Гум и лъэхъу
Мы пщэдджыжь пшэплъым,
Лъагъуныгъэ дыгъэр къыщыкъуэпсым
Нысфlожажьэ уи лъыхъуакlуэ псэр.
Жэщ мазэгъуэ къабзэм
Къегъэнэхур гущэ си пэш кlуэцlыр,
Нэр зэтеспlэм псэм зимыгъэпсэху.
- Дадэ
Адыгэм ди хабзэ дахэщ, дадэ, нобэм къытхуэнар
Жьак1ащхъуэ ди 1уэщхьэмахуэ, дадэ, лъэпкъым фэеплъу къытхъуэхъуар
Уэридадэ, уо си дадэ, ф1ыр зыхуэуса
Хабзэ хуардэу нобэ дигъэса
Къуршыбгъэ тхуэхъумэ лъэпкъыр, дадэ, шу пашэу къытхуэна
Хуэ1этыр уи л1ыгъэм хъуэхъур, дадэ, ем пхуимык1уэта
Уэридадэ, уо си дадэ, нартхэм ягъэса
- Дауи ар уэращ'2008
Псалъэ: Думэн М.
Макъамэ: Думэн М.
Сыт мазэщlэр щlым щlыхэплъэр
Нэ плъызахэр жыжьэ щlэплъэр
Сигу хэстха сурэт
Мы жэщ кlыфlым гум къилъыхъуэр
Сфlэкlуэда насып и фlыгъуэрщ
- Дахэжан
Уи щхьэцыгъуэ дахэри ф1ыуэ зэ1убох,
А уи нэ нагъуит1ым нурыр къыщ1ех.
Уи нэм сыщ1эплъэхъук1э си гур с1эпех,
А уи нэ нагъуит1ым сэ сыдэхьэхащ!
Сэ ф1ыуэ слъагъуу Дахэжан,
Си нэм хуэду Дахэжан,
Си псэм хуэду Дахэжан,
- Жей си lэфl'2006
Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Уафэм к1эрыщ1ащ.
Вагъуэ ц1ык1ухэр щыгъэу
Зэбгырыщэщащ...
Жэщыр пщ1ыхь жахащэу
1упхъуэм къызэхопщ,
Уэри мыщ1э ц1ык1уу
Гущэм укъыхощ.
- Къабэрдей'2008
Псалъэ: Думэн М.
Макъамэ: Думэн М.
Къурш псынэпсу гум и дыщэ лъагъуэ
Адыгэпсэм ищl и дыщэ вагъуэ уей
Си Къэбэрдей.
Бэщлъыкъ хужьу зи къуршыжь уэсыщхьэ
Адыгагъэр лlыгъэм хуэщl и гущхьэ уей
- Лъагъуныгъэ лъагъуэ'2008
Псалъэ: Нэхущ Ч.
Макъамэ: Лъэпкъым ейщ
Гъатхэм и удзыпэ щхъуантlэу
Лъагъуныгъэ лъагъуэм къытырипхъар
Зыхиутэ къысфlигъэщlу
Нысфlежьащ мыдаlуэж псэр.
- Мелегим
Терен сагъышгъа кирсем да,
Кёреме джарыкъ кёзлени.
Джарыкъ кёзледен эслеб да,
Эштеме ариу сёзлени.
Арабыз узакъ болса да,
Ариу ауазынг эштиле.
Къыш чиллени сууугъунда
- Нальчик город - любовь моя
Как прекрасны мои края,
Где родился и вырос я.
Всей душою люблю тебя,
Нальчик город, любовь моя.
Всей душою люблю тебя,
Нальчик город, любовь моя.
Лес зелёный, полей простор
- Пшынэ lэпэу сызыщыгъупща'2008
Псалъэ: Думэн М.
Макъамэ: Думэн М.
Пшынэ макъхэри
Псэм хуэусэу жыжьэу зэподжэж
Лъагъуныгъэм и пшынэбзэ дахэри
Гъатхэ жэщ мазэгъуэм ныхохьэж
Къос гъатхэпэри
- Республика моя
Гор жемчужины манят к вершинам На бескрайнем приволье слились Водопады и скалы, так дивно
Всё увидеть взглянув сверху вниз. Эту землю ничем не измерить, Почитая как мать и отца.
Для гостей здесь распахнуты двери В каждый дом и людские сердца.
Словно небо и земля
Эти горы и поля
И Республика моя Неразделимы.
- Си къашэныр аращ
Кавказ щхьэщыгум и акъужь мащIэм
Пшэр егъэкIуасэ гущэ уэуи
Си пщIыхь нэIуасэу гур зыгъэкIуасэр
Си тхьэIухудыр аращ.
Тхьэрыкъуэ пщэхуу зэпсэгъу цIыкIуитIым
ЗызыхуагъафIэ гущэ уэуи.
ГущIэ щызгъафIэу си псэм фIэIэфIыр
Си тхьэIухудыр аращ.
- си дахэк1эй
Фlылъагъуныгъэ дэхащэр, си псэ,
Уи нэфlыцlитlым къыщlех.
Гугъэфlурэ ныпхуэсщlахэр, дахэ,
Уи нэгум нуру къырех,
Уи лъагъуныгъэмэ сызэпкъырех.
Ежьу:
Къафэурэ, джэгуурэ,
- Си къашэныр аращ'2008
Псалъэ: Вындыжь М.
Макъамэ: Лъэпкъым ейщ
Кавказ щхьэщыгум и акъужь мащlэм
Пшэр егъэкlуасэ гущэ уэуи
Си пщlыхь нэlуасэу гур зыгъэкlуасэр
Си тхьэlухудыр аращ.
Тхьэрыкъуэ пщэхуу зэпсэгъу цlыкlуитlым
- Сыныпхуозэш'2008
Псалъэ: Думэн М.
Макъамэ: Думэн М.
Сыхуозэш уи нэ дахитlым
Вагъуэ пшэгум мазэу хэс
Сыхуозэш уи lэ хужьитlым
Пшынэбзэ щэхухэр зыхуэзыгъэпс.
- Сэтэнэй
Махуэм жэщыр зырехъуэкlыр,
Согъэзэшыр дахэкlей.
Пщащэу щыlэм я нэхъ дахэу,
Си нэ, си псэу, Сэтэней.
Уздэщыlэм сыщlэхъуэпсыу,
Изохьэкlыр си дунейр.
Си пщlыхьэпlэм ущызгъафlэу,
- Уэ сыножьэ'2008
Псалъэ: Мамий А.
Макъамэ: А.
Дыгъэр пшэхэм къызэпхедз
Гугъапlэ бзийхэр зэбгыредз
Уэзыращ си псэм хэпщlар
Къэзгъуэту зэ сфlэкlуэдыжар
Уэ си гъащlэри пхьэхуат
- Уэркъ пщащэ
1. Мазэ бзыгъэу дэхащэ
Дыщэ щыгъэу вагъуэбэ
Псэ къабзагъэр зи фащэ
Щэджэщагъэр зи щ1асэ
Вындым хуэдэр зи набдзэ
Бдзапц1э хьэлъэр зи плъэк1э
К1э бырыбыр зи фащэ
Щабэрык1уэу уэркъ пщащэ.
- Уэрэ сэрэ'1996
Мы уэрэдыр хэкlуэтауэ пхуэзусами,
Мы си щхьэцым уэс мыткlужыр къытесами,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ япэу нобэ дызэхуэзэу,
Сэ къысфlощlыр уэрэ сэрэ япэу нобэ дызэхуэзэу.
Уэрэ сэрэ,
уэрэ сэрэ
япэу нобэ дызэхуэзэу.
- Фlылъагъуныгъэ'2008
Псалъэ: Бицу А.
Макъамэ: Согуэ Д.
Лъагъуныгъэр гущlэм къыщепс дыгъэщ
Арщ нэхугъэр зыгъэхуабэр псэр
Къысхуэзыщlу а насыпыр тыгъэ
Гъащlэм фlыщlэ хуэсщlурэ сопсэу.
- Фlэмыщlынэ нэ фlыцlитl'2008
Псалъэ: Нэхущ Ч.
Макъамэ: Нэхущ Ч.
Напlэр къысхуэlэти къиплъэ сигу
Гухэлъ къабзи сэ къысхузэlух
Жэщ мазэгъуэ вагъуэу къысхуэлыд
Дахэ! Вагъуэу къысхуэлыд.
- Фыкъафэ пщащэхэ, щауэхэ
«Пщащэхэ, щауэхэ».
Нэхулъэр ди пшынэу, уэрэдыр дгъэшынэу
Гъащ1эщ1эм и бынхэр уейжи,
Пшынэбзэр мэушэр уейжи,
Шыуейхэр къуданхэр уейжи.
Джэгум ди 1эгур долъалъэ
Гур тхуэмыубыду мэщащэ.
- Хэхэс пщащэ'2008
Псалъэ: Аброкъуэ Б.
Макъамэ: Лъэпкъым ейщ
Уфафэу хышхуэр пшыхь дэхащэщ
Пщlыхьэпlэм къыщыпlущащар
Хэгъэгу хуэпабгъэу уэ уи гъыщlэр
Адэ - хэкужь и жэнэт щlыгу
Укъисшэжыну уэ нысащlэу
- Щlалэгъуэ удж'2008
Псалъэ: Думэн М.
Макъамэ: Думэн М.
Жэщ мазэгъуэм сеплъурэ мэкlуасэ
Гущlэм щыгъэпщкlуахэр мэпlейтей
Нэхущ вагъуэр кlуэжу пфlощl дыщасэ
Мазэ изым и нур дахэм деж.